Азэрбиджан
Азэрбиджан Республикэ (азэр-бз. Azərbaycan Respublikası) — Ипщэ Къаукъазым хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр — Бэкуу.
Азэрбиджан азэр-бз. Azərbaycan Respublikası | |||||
| |||||
![]() | |||||
Гоуидзэр: «Odlar Yurdu (МафӀэ Къэрал)» | |||||
Къэрал уэрэд: «Azərbaycan Marşı» (![]() | |||||
Хуитыныгъэм и махуэ | 1991 жэпуэгъуэм 18 (зхэкӀар РССЗ) | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | азэрбиджаныбзэ | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Бэкуу | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Бэкуу, Гянджа, Сумгаит, Мингечаур, Нахичеван, Ханкенди, Евлах, Ширван | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | президент республикэ | ||||
Президентыр Премиер министрыр |
Ильхам Алиев Али Асадов | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
112-нэ дунем 86 600 км² 1,6 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2011) • Ӏувагъыр |
9 164 600 цӀыху (89-нэ) 105,8 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2011) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$94.318 млрд (72-нэ) $10,340 | ||||
Сомыр (Валутэр) | манат | ||||
Интернет-доменхэр | .az | ||||
Телефон кодыр | +994 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +4 | ||||
![]() |
Хэкумэтхыр
зэгъэзэхуэжынАзэрбиджаныр Ипщэ Къаукъазым хэт. И гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: ищхъэрэмкӀэ — Урысейм, къуэхьэпӀэмкӀэ — Ермэлэймрэ, Курджымрэ, ипщэмкӀэ — Къажэрым, къуэкӀыпӀэмкӀэ хы Каспий и Ӏуфэм Ӏохьэ.
Къэралым и инагъыр — 86 600 км².
Темперэтурэ курытхэр щӀышылэм зэрыхъур −10° — +4° С, бадзэуэгъуэм 5° — +27° С.
Тхыдэр
зэгъэзэхуэжынI илъэс мин ди лъэхъэнэм ипэм Азэрбиджаным и ищхъэрэ лъэныкъуэм Къэукъаз Албаней къэралыр хэтт.
VII лъэхъэнэм Азэрбиджаныр Хьэрып хьэлифэтым хэта. Ар зэхэхуа яужь Азэрбиджаным и щӀыпӀэм къэрал зытӀущ къыхокӀыр.
XIII лъэхъэнэм Азэрбиджаным монголыдзэр тоуэ.
XV—XVIII лъэхъэнэм Азэрбиджаныр Сефевидхэм я къэралым хэта.
XIX лъэхъэнэм и пэм Азэрбиджаныр Урысейм хохьэ, яужырейм и ӀэнатӀэгъуэр къэрал псом щыщхьэщыувэр 1828 гъэм Урысеймрэ Къажэрымрэ Туркманчай тхылъыр щыщӀатхам.
Джэпуэгъуэ револуциэм яуж Урысейм, 1918—1920 гъэхэм къэралыр хуиту щыта Демократ Республикэ Азэрбиджан ицӀэр жоуэ.
1920—1991 гъэхэм Азэрбиджан РСС-р РССЗ-м хэта.
1991 гъэм щыщӀэдзауэ Азэрбиджаныр къэрал хуитыу щыт.
Жылэр
зэгъэзэхуэжынКъэлъытэгъуэ гуэрэхэмкӀэ, 2010 гъэм къэралым жылэу дэсыр млн 9 цӀыху.
Лъэпкъ нэхъ иныу щытхэр (2007): азэрбиджанхэр (90,6 %), лезгинхэр (2,2 %), урысхэр (1,5 %), талышхэр (0,9 %), авархэр (0,5 %), нэгъуэщӀхэри.
ДинкӀэ нэхъыбэр мыслъымэнхэщ (>90 %), чыристэнхэ, иудэнхэ.
Экономикэр
зэгъэзэхуэжынВКӀуП-р 2009 гъэмкӀэ здынэсар $88.676 млрд.
ВКӀуП зы цӀыхум техуэмкӀэ ($9,809 хуэдиз), къэралым 72-нэ пӀэр иӀыгъ дунем.
Дзэр
зэгъэзэхуэжынДзэр цӀе — Лъэпкъ Дзэр Азэрбиджаным (азэр-бз. Azərbaycan Milli Ordusu).
И бжыгъэр зэрыхъур мин 128,6 хуэдиз.
АдминистрациэмкӀэ гуэшыгъуэр
зэгъэзэхуэжынАзэрбиджан — къэрал унитару щыт. АдминистрациэмкӀэ хэку 66 еугуэш (азэр-бз. rayonlar).
ТехьэпӀэхэр
зэгъэзэхуэжынАзэрбиджан Уикисурэтылъэм? |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ хэкумэтхымкӀэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |